Кабардинская литература 5-9

«Муниципальное казенное общеобразовательное учреждение
«Средняя общеобразовательная школа им. В.Х. Кагазежева
с.п.Псынабо»

«Рассмотрено»

«Согласовано»

«Утверждаю»

Руководитель МО

Заместитель директора

гуманитарного цикла

по УВР

Директор МКОУ СОШ
с.п.Псынабо

_______/ А.М.Шомахова /

_______/Р.Б.Шугушхова /

_________/И.Х.Теувова/

Приказ № 111

Протокол № 1

от 28.08.2021

от 27.08.2021

Рабочая программа

Предмет
Класс
Учебный год
ФИО учителя

Кабардиночеркесская
литература
5-9
2021-2022
Индарокова Р.В

1.5-9 кллассхэм щ1эс еджак1уэхэм адыгэ-шэрджэс литературэмк1э
ягъуэтын хуей щ1эныгъэмрэ есэныгъэхэмрэ.
Адыгэ литературэм щыщу 5-9-нэ классым школым щадж курсыр
гъащ1эм къыхэхащ, абы быдэу пыщ1ащ. Абы къыхэк1ыу художественнэ
литературэм мыхьэнэшхуэ и1эщ ц1ыхум къызыхэк1а лъэпкъым и тхыдэр
ищ1эжу, абы пщ1э хуищ1у, сыт хуэдэ 1уэхуми, щытык1эми акъыл шэщ1арэ
гупсысэ куук1э бгъэдыхьэу есэнымк1э.
1.Школым щадж литературэм, сыт хуэдэ класс ирехъуи,
мыпхуэдэ мурадхэр къызэф1игъэк1ын хуейщ:
гъэсэныгъэмк1э - псэ къулей зи1э ц1ыху еджак1уэхэм
къахэщ1ык1ыныгъэ;
1уэхуеплъык1эхэр
щызэтемыхуэм
деж
зэхуэтэмакък1ыхьу, адыгагъэ - гущ1эгъу, ц1ыхугъэ, л1ыгъэ, нэмыс, ук1ытэ,
зыр зым дэ1эпыкъуныгъэ, зэхэщ1ык1, гулъытэ яхэлъу егъэсэныгъэ;
зыужьыныгъэмк1э - художественнэ текстыр зыхащ1ык1ыу, авторым и
1уэхуеплъык1эр къагуры1уэу, творческэ лэжьыгъэ ирагъэк1уэк1ыфу
егъэсэныгъэ, жьэры1уэтэбзэм, тхыбзэм зегъэужьыныгъэ;
щ1эныгъэмк1э - художественнэ текстым еджэу литературоведческэ
гуры1уэгъуэхэр къагъэсэбэпк1эрэ анализ ящ1ыфу егъэсэныгъэ.
Литературнэ щ1эныгъэм лъабжьэ хуохъу художественнэ текстым
еджэныр, зэпкърыхыныр, авторым и биографием щыгъуазэ щ1ыныр,
лъэпкъым и тхыдэм, культурэм нэхъ гъунэгъуу нэ1уасэ хуэщ1ыныр.
Литературэр джыным сыт хуэдэ этапми лъабжьэ хуохъу художественнэ
тхыгъэ еджэным дегъэхьэхыныр, еджэк1эм и ф1агъым хэгъэхъуэныр, зэджэр
куууэ, нэсу къагуры1уэныр, жьэры1уэтэбзэмрэ тхыбзэмрэ зегъэужьыныр.
 Тхак1уэхэм я гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ теухуа 1уэхугъуэ
нэхъыщхьэхэр;
 художественнэ тхыгъэхэр зытепсэлъыхьыр, зытеухуар;
 тхыгъэ яджым къыхэщ зэманым (л1эщ1ыгъуэм) и щытык1э
нэхъыщхьэхэр;
 художественнэ тхыгъэ яджым и сюжетыр, и ухуэк1эм и1э нэщэнэ
нэхъыщхьэхэр, образхэм я ухуэк1эр;
 ядж тхыгъэхэм персонажхэм щагъэзащ1э мыхьэнэр;
 художественнэ образым, художественнэ литературэм, литературнэ
хьэл-щэным, литературнэ портретым, типым, реализмэм, критическэ
реализмэм теухуа гуры1уэгъуэхэр;
 гук1э зрагъэщ1эн хуейуэ школ программэм къыщыгъэлъэгъуа
художественнэ тхыгъэхэмрэ пычыгъуэхэмрэ
I

 тхак1уэм (усак1уэм) къигъэлъагъуэ теплъэгъуэхэмрэ 1уэхугъуэ
щхьэхуэхэмрэ я нэгу къыщ1агъэхьэжыну;
 тхыгъэр щызэпкърахк1э абы и идейно-художественнэ щытык1эр
къыхалъытэну;
 тхыгъэр зыщыщ литературнэ л1эужьыгъуэр (родыр) къащ1эну (эпос,
лирикэ, драмэ);
 проблемэ нэхъыщхьэхэр къахутэну;
 литературнэ тхыгъэм и идейно-художественэ мыхьэнэр къэхутэнымк1э
изобразительнэ 1эмалхэм, сюжетым, тхыгъэм и ухуэк1эм
(композицэм), хэт образхэм я къалэныр къахутэну;
 художественнэ тхыгъэм и къалэн нэхъыщхьэр убзыхунымк1э
литературнэ л1ыхъужьхэм я мыхьэнэр къахутэну;
 литературнэ л1ыхъужьхэмрэ художественнэ тхыгъэхэмрэ я1э
зэхэщ1ык1ыр тэмэму къыбгурагъэ1уэну;

II
 литературнэ, литературно-критическэ тхыгъэхэм тэмэму, ирижэу
макък1э къеджэну;
 литературнэ тхыгъэхэм гъэхуауэ къеджэну;
 жьэры1уатэу ик1и тхыгъэк1э къа1уэтэнум и план зэхалъхьэну;
 литературно-критическэ тхыгъэхэм и планрэ конспектрэ зэхалъхьэну;
 литературнэ темэ гуэрым теухуа доклад е реферат ягъэхьэзырыну (зы
источникым ипкъ итк1э);
 къызэджа художественнэ тхыгъэм, зэплъа кинофильмым, телевизионнэ
къэтыныгъэм, спектаклым теухуа рецензэ (е отзыв) хуатхыну;
III
 псалъалъэ зэмыл1эужьыгъуэхэмрэ справочникхэмрэ
къагъэсэбэпыфыну.
2.5-нэ класс.
Адыгэ литературэм и зэхэлъык1эр
Хэзыгъэгъуазэ

Художественнэ литературэр цIыху гъащIэм щыщ Iуэхугъуэу, абы
цIыхухэр зыхэпсэукI дунейр образкIэ къигъэлъагъуэу зэрыщытыр.
Художественнэ литературэм и мыхьэнэр, игъэзащIэ къалэнхэмрэ и
хэкIыпIэ нэхъыщхьэхэмрэ.

Адыгэ 1уэры1уатэ:
Адыгэ псысэхэр, «Бажэ хеящ1э», «Дзыгъуэхэм я хейр джэдум зэрищ1ар»,
«Пк1ауэ и джэш дзак1э», «Къэблэжьар лъап1эщ», «Иныжьым и къан».
«Псалъэжьхэмрэ

псалъэ

шэрыуэхэмрэ»,

«К1уажэхьхэр»,

«Псынщ1эрыпсылъэхэр».
Адыгэ 1уэры1уатэр зытеухуамрэ къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэхэмрэ.
Псысэхэм я пкърылъ гъэсэныгъэ – ущииныгъэ мыхьэнэр. Адыгэ
псысэхэирэ хъыбархэмрэ зэрыухуа щ1ык1эр . Псысэхэмрэ шыпсэхэмрэ
зэрызэщхьымрэ зэрызэщхьэщык1ымрэ.
Художественнэ тхыгъэр 1уэры1катэм къызэрыщхьэщык1ыр .
К1ыщокъуэ Алим

«Елбэздыкъуэ»Мы тхыгъэм псысэ нэщэнэу хэлъыр.

Псысэр зэрытха бзэм и щытык1эр. Тхыгъэм пкъырылъ гъэсэеныгъэ
мыхьэнэр.
Акъ Мухьэрбэч «Маргъын и шабзэ» таурыхъым нэхъыбэу игъэлъап1эр.
Таурыхъым щыщу адыгэ хабзэм къемызэгъ 1уэхугъуэ зыщ1а л1ыхъужьыр.
Пащ1э Бэчмырзэ «Бэлыхь зимы1эр захуагъэщ»
Усэм

пъырылъ

гупсысэ

нэхъхыщхьэхэр

усак1уэм

къызэри1уэтэж

1эмалхэр.
Ар зэрытха бзэм и1э щытык1эр.
Цагъуэ Нурий «Уэсыр сытым къыхэк1рэ?», «Бештокъуэ Хьэбас Уэсым
игъуэгуанэ».Мечиев Кязим «Си къуэм папщ1э»,Уэхъутэ

Абдулыхь

«Дудакъ».Къашыргъэ Хьэпащ1э «Зы жэщ»,Кулиев Къайсын «Анэ»,К1уащ
Бет1ал «Си гъусэщ»,Журт Биберд «Адэ лъапсэжь»,Хьэнфэн Алим «Мывэ
къуэлэн ц1ык1у»,Щомахуэ Амырхъан «Зэраншу»,Къагъырмэс Борис
«Псори

зыщ1э

Болэт»,Щоджэнц1ык1у

Алий

«Май»,Бак1уу

Марие

«Щ1акхъуэ»,Гъэунэ Борис «Уэ къэк1уэж закъуэ ,папэ!»,Гъубжокъуэ Лиуан
«Бжьэ къэпщ1ахэр»,Тхьэгъэзит Зубер Гуапагъэ»

2.6-нэ класс.
Адыгэ литературэр зэрызэхэлъымрэ абы къызэщ1иубыдэмрэ
Хэзыгъэгъуазэ
Художественнэ литературэр цIыху гъащIэм щыщ Iуэхугъуэу, абы цIыхухэр
зыхэпсэукI дунейр образкIэ къигъэлъагъуэу зэрыщытыр. Художественнэ литературэм и
мыхьэнэр, игъэзащIэ къалэнхэмрэ и хэкIыпIэ нэхъыщхьэхэмрэ.
Адыгэ IуэрыIуатэ
Нарт эпосым хэзыгъэгъуазэ . Нарт эпоскIэ зэджэр, нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ
зиIэ лъэпкъхэр, адыгэ лIыхъужьыгъэ эпосыр.
Нарт хъыбархэр: «Тхьэгъэлэджрэ Лъэпщ и къуэ Дзэхущрэ», «Лъэпщ Iэдэ
зэрищ1ар», «Нартхэм я гъубжэ», «Сэтэней и лIэкIар»
Тхыдэр зи лъабжьэ хъыбархэр: « «Андемыркъан и къэхъукIамрэ и япэ ежьэгъуэмрэ
теухуа хъыбар», «Андемыркъан зэраукIар»
Нарт хъыбархэр зытеухуамрэ абыхэм къаIуатэ гупсысэ нэхъыщхьэхэмрэ. Хъыбархэм
япкърылъ гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэр. Нарт хъыбархэм къыхэщ лIыхъужьхэр
цIыхубэм фIыуэ илъагъуу, щапхъэ трихыу къызэрекIуэкIыр. Зи лъахэр зыхъумэж нарт
лIыхъужьхэм я лIыгъэр лъэпкъ дамыгъэ яхуэхъуу зэрыщытыр. ЦIыхубэр зыщIэхъуэпс
хьэл-щэнхэр, зэфIэкIыр, къарур, лIыгъэр, цIыхугъэр икIи къинэмыщI IуэхугъуэфIхэри
нарт лIыхъужьхэм ехьэлIауэ къызэрыгъуэгурыкIуэ. Нарт эпосым Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ
Лъэпщ, Тхьэгъэлэдж, Сэтэней, Ашэмэз сымэ, нэгъуэщIхэри къызэрыхэщыр. Тхьэгъэлэдж
и образымкIэ мэкъумэшым елэжьыным, уи гуащIэдэкIкIэ упсэуным и пщIэр сыт хуэдэ
Iуэхум нэхъри нэхъ лъапIэу зэрыщытыр къызэрыгъэлъэгъуар. Сэтэней анэ гумащIэм и
щапхъэ телъыджэу хъыбарым къызэрыхэщыр.
Тхыдэр зи лъабжьэ хъыбарыжьхэм я мыхьэнэр, лъахэр фIыуэ лъагъуным, лей
къыщытехьэм и деж абы къыщхьэщыжыным узэрыхуриджэр. Андемыркъан и
шыфэлIыфэу хъыбарым къызэрыхэщыжыр. Абы и Iэщэмрэ и шымрэ зыхуэдэр.
Л и т е р а т у р э м и т е о р и е. Нарт эпосыр (пшыналъэхэм я ухуэкIэр, лIыхъужь
хэтхэр; усэбзэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр, зыгъэлъагъуэ-зэраIуатэ Iэмалхэм абыхэм
мыхьэнэуэ щаIэр).
Къэзанокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр Жэбагъы и хъыбархэм мыхьэнэуэ яIэр, ахэр
адыгэхэми, абазэхэми, абхъазхэми, къэрэшейхэми, балъкъэрхэми, нэгъуэщI лъэпкъхэми я
IуэрыIуатэм зэрыхэтыр.
«Хэт мысэр?» хъыбарыр зытеухуамрэ абы хэт лIыхъужь нэхъыщхьэхэмрэ. Жэбагъы
хеймрэ мысэмрэ акъыл жанкIэ зэхигъэкIыу и цIэр фIыкIэ зэригъэIуар, гъащIэм
зихъуэжынымкIэ абы мыхьэнэуэ иIар. Ноби абы акъыл къызыхэпхыну хэлъ гупсысэ куур.
«Делэм сэ сыфIокI, губзыгъэр езыр къысфIэкIынщ…» хъыбарыр. Жэбагъы сыт
хуэдэ Iуэхуми гупсысэ узэщIакIэ зэрыбгъэдыхьэр, нэгъуэщIхэри ар дыдэм
къызэрыхуриджэр. ЦIыхум хуэфащэ пщIэ, нэмыс хуэщIыным мы хъыбарым
узэрыхуиущийр.
ЩоджэнцIыкIу А.I.
УсакIуэм теухуа псалъэ.
«ЩIымахуэ жэщ» поэмэм империалистхэм зэхаубла зауэм и хьэзабыр зышэч цIыху
къызэрыгуэкIым и гъащIэр къызэрыщыгъэлъэгъуар. ЦIыхум и хуитыныгъэхэр узэщIа
хъун папщIэ, зауэмрэ ар къызыхэкI Iуэхугъуэхэмрэ гъэкIуэдын зэрыхуейр тхыгъэм
къиIуатэ гупсысэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр. Фызабэ тхьэмыщкIэмрэ абы и къуэ закъуэмрэ

я гъащIэ хьэлъэр поэмэм лирикэ гурыщIэ къабзэкIэ къызэрыщыгъэлъэгъуар.
Л и т е р а т у р э м и т е о р и е. Поэмэр, абы и ухуэкIэмрэ и зэхэлъыкIэмрэ.
П р е д м е т х э м я к у д э л ъ ы п х ъ э з э п ы щ I э н ы г ъ э х э р. Тхыдэ. Япэ
дунейпсо зауэр, ар къыщIежьа щхьэусыгъуэхэмрэ и дерсхэмрэ.
«Хьэжыгъэ пут закъуэ» рассказыр зытеухуар, абы и гупсысэ нэхъыщхьэр. ПщылIыгъэр
траха нэужьи я псэукIэкIэ мэкъумэшыщIэхэм щхьэхуитыныгъэ зэрамыгъуэтар, щIы,
зэрылэжьэн Iэмэпсымэ зэрамыIэм къыхэкIыу, нэхъ къулейуэ псэухэм я IэмыщIэм ахэр
ихуэжу зэрыщытар рассказым къызэрыщыгъэлъэгъуэжар.
Тхыгъэм къыщиIуатэ Iуэхугъуэхэр нэхъ зыхыуигъэщIэн
папщIэ, дунейм и
къэхъукъащIэхэр тхакIуэм къызэригъэсэбэпа щIыкIэр. Хьэсетрэ Муратрэ я образхэр: я
теплъэм, я хьэл-щэным зэщхьэщыкIыныгъэу хэлъыр. Рассказым къыпкърыкI гъэсэныгъэущииныгъэ мыхьэнэр, и бзэр.
Л и т е р а т у р э м и т е о р и е. Художественнэ тхыгъэм пейзажым щигъэзащIэ
къалэныр.
П р е д м е т х э м як у д э л ъ ы п х ъ э з эп ы щ I э н ы г ъ э х э р. Адыгэбзэ. Диалект
псалъэхэр. Жьы хъуа, иджы щIагъуэу къамыгъэсэбэпыж псалъэхэр (V кл.).
Брат Хь.М.
ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«Замир» рассказым къиIуэтэж Iуэхугъуэр. Тхыгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэр адыгэ
бзылъхугъэм ипIыжа урыс щIалэ цIыкIум фIища цIэм къызэриIуатэр. Зауэм къихь
бэIутIэIур тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар.
Жаным Б.I.
ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«ЩIыIубымрэ Ужьэмрэ» басняр зытепсэлъыхьымрэ абы къиIуатэ гупсысэ
нэхъыщхьэмрэ. Тхыгъэм щIэлъ щIагъыбзэр къэгъэлъэгъуа зэрыхъуар. Басням хэлъ ущиер
абы и иужьрей сатыриплIым къызэрыщиIуатэр.
Л и т е р а т у р э м и т е о р и е. Басням, аллегорием теухуа гурыIуэныгъэхэр.
Художественнэ тхыгъэм и идеемрэ басням и ущиемрэ гъунэгъу зэхуэзыщIу хэлъхэр.
КIэрашэ Т.М.
ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«Гум фIэфIкIэ» очеркым къиIуэтэж Iуэхугъуэр къыщыхъуа зэманымрэ щекIуэкIа
щIыпIэмрэ. Фашистхэм я бийуэ партизанхэм ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэр тхыгъэм
къызэрыхэщыжыр. Софьерэ ФIыцIэрэ я образхэмкIэ Хэкур фIыуэ лъагъуныр, ар
псэемыблэжу хъумэныр, цIыхубэм и щIыхьымрэ и щхьэхуитыныгъэмрэ папщIэ сыт хуэдэ
гугъуехьми, шынагъуэми пэщIэувэныр къэгъэлъэгъуа зэрыхъуар.
Л и те р а т у р э м и т е ор и е. Очеркыр, рассказым ар къызэрыщхьэщыкIыр.
АбытIэ В.Къ.
УсакIуэм теухуа псалъэ.
«ЛIыгъэм и дамыгъэ» поэмэр зытепсэлъыхьымрэ абы и гупсысэ нэхъыщхьэмрэ.
Хэку зауэшхуэм и зэманым зауэ IэнатIэм Iутахэм къадэкIуэу мыдэкIэ къэнахэри
бэнэныгъэм зэрыхэтар тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар. Партизанхэм пыщIэныгъэ
яхузиIа Бэчыр и IуэхущIафэхэр, абы и кIуэдыкIар. Нэмыцэхэмрэ епцIыжакIуэ зырызхэмрэ
лейуэ зэрахьар поэмэм къызэрыхэщыжыр.
Щомахуэ А.Къ.
ТхакIуэм теуха псалъэ.
«ЗэкъуэшитI» (нэгъуэщI тхыгъэкIэ е мы темэм теухуауэ нэгъуэщI тхакIуэм и
тхыгъэкIэ зэпхъуэкI хъунущ) рассказым къиIуэтэж Iуэхугъуэхэр. Къэралбийрэ Чапайрэ
ныбжьэгъу зэрызэхуэхъуа щIыкIэр. Лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр рассказым
къызэрыхэщыр.
Тхыгъэм пкърылъ гупсысэ нэхъыщхьэр, абы цIыхугъэм, лэжьыгъэм ехьэлIауэ

къыпкърыкI къарур.
П р е д м е т х э м я к у д э л ъ ы п х ъ э з э п ы щ I э н ы г ъ э х э р. Тхыдэ. «Псори
фронтым папщIэ, псори текIуэныгъэм папщIэ!» Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм ди цIыхухэм
зэрахьа лIыхъужьыгъэр.
Шортэн А.ТI.
ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«Балъкъ и деж» рассказым къиIуэтэж Iуэхугъуэхэмрэ абы пкърылъ гупсысэ
нэхъыщхьэмрэ. Рассказым хэт лIыхъужьхэм - Кургановымрэ Розановымрэ - я хьэлщэнхэр, я гурыгъу-гурыщIэхэр, я IуэхущIафэхэр къызэрыгъэлъэгъуа щIыкIэр. Тхыгъэм иIэ
гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэр.Рассказым и ухуэкIэр, и бзэр.
П р е д м е т х э м я к у д э л ъ ы п х ъ э з э п ы щ I э н ы г ъ э х э р. Адыгэбзэ. Сочиненэ
тхыным зэрызэхуагъэхьэзыр щIыкIэр къагурыгъэIуэн. План зэхэлъ гъэувын. ЦIыху
щхьэхуэхэм далъагъу хьэл-щэнхэм теухуа сочиненэ тхын.
КIыщокъуэ А.П. (сыхь. 2)
УсакIуэм теухуа псалъэ.
«Поэзие», «Си хъуэхъу», «Гъуэгу къежьапIэ», «Пасэрей хабзэ» (мыхэр Iэмал
имыIэу егъэджыпхъэщ, ауэ нэгъуэщI усэхэри ядыщIыбгъу хъунущ) усэхэм адыгэ хабзэр,
цIыхугъэр, бзэр, адэ щIыналъэр, абы и цIыху гуащIафIэхэр къазэрыхэщыр. Усэхэр
гурыщIэ къабзэхэм къагъэщIауэ зэрыщытыр; абыхэм яIэ гъэсэныгъэ мыхьэнэр.
Усэхэм я ухуэкIэр, ахэр зэрытха бзэм и шэрыуагъыр.
Л и т е р а т у р э м и т е о р и е. Адыгэ усэ гъэпсыкIэ (стопа, ямб, хорей).
КIуащ Б.И.
УсакIуэм теухуа псалъэ.
«ГуащIэдэкI», «Си лъахэр», «Сэ сфIэфIщ» (нэгъуэщI усэхэри ядыщIыбгъу
хъунущ) усэхэр мамыр лэжьыгъэм, цIыхугъэм, зэныбжьэгъуныгъэм, мамырыгъэм, Хэкум
щекIуэкI Iуэхугъуэхэм ятеухуауэ зэрыщытыр. Усэхэм къаIуатэ гупсысэхэр, я ухуэкIэр,
ахэр зэрытха бзэр.
Л и т е р а т у р э м и т е о р и е. Ритмэмрэ рифмэмрэ теухуауэ япэ гурыIуэныгъэхэр
еджакIуэхэм егъэгъуэтын.
Дыгъужь Къу.Б.
ТхакIуэм теухуа псалъэ.
ЦIыхухэм я зэхущытыкIэмрэ дунейм и къэхъукъащIэхэмрэ «Мырсыт» (нэгъуэщI
рассказкIи зэпхъуэкI хъунущ) тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуа Iэмалхэр. Унагъуэ
псэущхьэхэр цIыхум сэбэп къызэрыхуэхъур, ахэр тэмэму зехьэн, гущIэгъу яхуэщIын
зэрыхуейр рассказым и гупсысэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр.
Мэлыхъуэ Аюбрэ Хьэжмуратрэ МырсыткIэ зэджэ хьэм зэрыхущытыр, хьэм
къылъыкъуэкI зэфIэкIыр.
Гъубжокъуэ Л.М.
УсакIуэм теухуа псалъэ.
«Къуршхэр плъырщ» (нэгъуэщI усэкIи зэпхъуэкI хъунущ) усэм лъахэм и теплъэр гу
хуабагърэ цIыхугъэ инрэ хэлъу къызэрыщыгъэлъэгъуар.
Усэм къыщыгъэсэбэпа художественнэ, зыгъэлъагъуэ-зэраIуатэ Iэмалхэм ягъэзащIэ
къалэнхэр. Усэм и ухуэкIэмрэ и бзэмрэ.
ХамэщI щыпсэу адыгэхэм къахэкIа тхакIуэхэр
.
Жылэтеж С.Хь.
ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«КIыгуугу лъэпкъым и кIуэдыжыкIар» (нэгъуэщI тхыгъэкIи зэпхъуэкI хъунущ)
рассказыр зытеухуамрэ абы къиIуатэ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ. Бзэр лъэпкъым и нэщэнэ,
фIыгъуэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр, ар хъумэн зэрыхуейр тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар.
ЦIыхухэм яку дэлъын хуей зэхущытыкIэр щIагъыбзэкIэ хъыбарым къызэриIуатэр.
Хъыбарым и бзэр нэхъ шэрыуэ икIи нэхъ щIэщыгъуэ хъунымкIэ тхакIуэм

къигъэсэбэпа Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ.
АбытIэ Хъ.Я.
УсакIуэм теухуа псалъэ.
ГъащIэр зэрыуахътыншэр, гъащIэ дахэ зиIэм нэхъ насыпыфIэ дунейм зэрытемытыр
усакIуэм «Бгы абрагъуэмрэ джэдыкIэ цIыкIумрэ» усэм къызэрыщигъэлъэгъуар.
«Жэщым и IэфIыгъуэщ» усэр зытеухуамрэ абы и гупсысэ нэхъыщхьэмрэ. Усэм
удзым, жыгхэм, псынэм, пшэ Iэрамэм псэ яIуту къызэрыщыгъэлъагъуа щIыкIэр.
IутIыж Б.Къу.
ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ» рассказыр зытеухуамрэ абы къиIуатэ
гупсысэ нэхъыщхьэмрэ. Зауэ нэужь илъэсхэм ди цIыхухэм я псэукIэр гугъуами,
цIыхугъэр,
хабзэ-нэмысыр
ягъэнэхъапэу
зэрыщытар
рассказым
къызэрыщыгъэлъэгъуэжар.
Рассказым и ухуэкIэмрэ ар зэрытха бзэмрэ. Псалъэжьхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ тхыгъэм
щагъэзащIэ къалэныр.
П р е д м е т х э м я к у д э л ъ ы п х ъ э з э п ы щ I э н ы г ъ э х э р. Адыгэбзэ.
ПсалъэщIэхэр, хамэбзэхэм къахэкIыу адыгэбзэм къыхыхьа псалъэхэр.
Къуекъуэ Н.Ю.
УсакIуэм теухуа псалъэ.
«Жыгыр пызыупщIхэм» усэр зытеухуамрэ абы щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ.
ЦIыхумрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ быдэу зэрызэпыщIар, щIыуэпсыр хъумэныр
цIыхум и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр усэм къызэрыщыгъэлъэгъуар.
КъэкIыгъэхэм, псом хуэмыдэу пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыгхэм, цIыху гъащIэм
щаIэ мыхьэнэр усакIуэм зэригъэбелджыла щIыкIэр.Псэ зыIумытыр, псэум хуэдэу,
къызэрыгъэлъэгъуам и мыхьэнэр, абы усэм щигъэзащIэ къалэныр.

2.7-нэ класс .
Адыгэ литературэр зэрызэхэлъымрэ

къызэщ1иубыдэмрэ

Адыгэ нарт эпос.
1. «Сосрыкъуэрэ Т1от1рэшрэ я пшыналъэ»
2. «Ашэмэз и пшыналъэ»
3. «Бэдынокъуэ чынтым зэрезэуар»
Лъэпкъ уэрэдыжьхэр, я л1эужьыгъуэхэр.
Адыгэ хъуэхъухэр. Хъуэхъу-сэламхэр
Щоджэнц1ык1у 1эдэм.
1. Щоджэнц1ык1у 1эдэм и творчествэр.
2. «Псынэ», «Анэдэлъхубзэ» усэхэр
Бемырзэ Мухьэдин.
1. Бемырзэ Мухьэдин и гъащ1эр, творческэ лэжьыгъэр.
2. Усэхэр. «Лъэ1у», «Уадыгэным къик1ыр»

Анзор Мухьэмэд.
1. Анзор Мухьэмэд и гъащ1эр, творчествэр.
2. «Атэлыкъым и л1эужь» япэ 1ыхьэр.
К1эрашэ Тембот.
1. К1эрашэ Тембот и гъащ1эр, и творчествэр.
2. «Гъащ1эм и дерс» повестыр
3. повестыр зэпкърыхыныгъэ
Мыжей Михаил.
1. Мыжей Михаил и гъащ1эр, и творчествэр.
2. «Пщэху» новеллэр
3. новеллэр зэпкърыхыныгъэ
Нало Заур.
1. Нало Заур и гъащ1эр, и творчествэр.
2. «Ц1ыху напэ» балладэр.
3. «Ц1ыху напэ» балладэм щыщ пычыгъуэ гук1э
К1ыщокъуэ Алим.
1. К1ыщокъуэ Алим и гъащ1эр, и творчествэр.
2. «Усэ къарук1э бийр бгъэсу», «Сабий» усэхэр.
Хъупсырокъуэ Хъызыр.
1. Хъупсырокъуэ Хъызыр и гъащ1эр, и творчествэр.
2. «Имыхабзэу щыуат» япэ 1ыхьэ.
3. «Имыхабзэу щыуат» япэ 1ыхьэ
4. Рассказыр зэпкърыхыныгъэ
Елгъэр Кашиф и гъащ1эр, и творчествэр.
«Псы къиуа»
Уэрэзей Афлик и творчествэр.
«Пщэдджыжьым»
Брат Хьэбас.
1. Брат Хьэбас и гъащ1эр, и творчествэр.
2. «Лъэпкъым и къуэпсхэр». Япэ 1ыхьэр.
3. «Лъэпкъым и къуэпсхэр», ет1уанэ 1ыхьэр.
4. Рассказыр зэкърыхыныгъэ
Шэджыхьэщ1э Хьэмыщэ.
1. Шэджыхьэщ1э Хьэмыщэ и гъащ1эр, и творчествэр.
2. «Къуэрылъху» рассказыр

Мыкъуэжь Анатолэ.
1. Мыкъуэжь Анатолэ и гъащ1эр, и творчествэр.
2. «Псалъэ жагъуэ». «Гущэкъу уэрэд»
Джэдгъэф Борис.
1. Джэдгъэф Борис и гъащ1эр, и творчествэр.
2. «Къандыгъэ и бжьыхьит1» рассказыр
Къэжэр Хьэмид.
1. Къэжэр Хьэмид и гъащ1эр, и творчествэр.
2. «Щ1ыр щ1эхъейр»,«Къабзагъэм и гъуджэ» усэхэр
Мэзыхьэ Борис.
Мэзыхьэ Борис и гъащ1эр, и творчествэр. «Дыгъэр
зэрыунк1ыф1ар»
Къумыкъу Мамдухъ и гъащ1эр, и творчествэр.
«Сабийхэр щым щыхъум…»
Къэрмокъуэ Мухьэмэд.
1. Къэрмокъуэ Мухьэмэд и гъащ1эр, и творчествэр.
2. «Щ1акхъуэ 1ыхьэ» рассказыр.
3. «Щ1акхъуэ 1ыхьэ» рассказыр зэпкърыхыныгъэ.
4. рассказыр зэпкърыхыныгъэ
Хьэх Сафэрбий.
1. Хьэх Сафэрбий и гъащ1эр, и творчествэр.
2. «Ц1ыхухэр зауэм щыужынт», «Къурш псынэм и уэрэд»
усэхэр.
Тхьэгъэзит Зубер.
1. Тхьэгъэзит Зубер и гъащ1эр, и творчествэр.
2. Тхьэгъэзит Зубер и «Гъатхэ», «Щ1ыр мэлажьэ», «Адыгэ
пшынэ» усэхэр
Мэшбащ1э Исхьэкъ.
1. Мэшбащ1э Исхьэкъ и гъащ1эр, и творчествэр.
2. Мэшбащ1э Исхьэкъ и усэхэр. «Адыгэ цей», «Насып»
Бицу Анатолэ. Бицу Анатолэ и гъащ1эр, и творчествэр.
«Си анэдэлъхубзэ»
Бзэм зегъэужьынымк1э урокыу, сочиненэу-2
Литературэм и теорие.
1. Гиперболэ, литотэ, ахэр 1уэры1уатэм къызэрыхэщыр.
2. Адыгэ сэ гъэпсык1э.
3. Эпическэ тхыгъэ л1эужьыгъуэхэр.Повесть, рассказ, балладэ,

новеллэ
4. Тхыгъэм и композицэмрэ и сюжетымрэ.
Классщ1ыб лэжьыгъэу
1. Адыгэ 1уэры1уатэмк1э классымщ1эмысу зэджа
тхыгъэхэмк1э.
2. К1ыщокъуэ А. и усэхэмк1э.
3. К1эрашэ тембот и тхыгъэхэмк1э.
4. Тхьэгъэзит Зубер и усэхэмк1э.
5. Мыкъуэжь А. и усэхэмк1э
Яджахэр къыщапщытэжын урокыу.
1. Усэ яджахэмк1э къэпщытэжыныгъэ.
2. Эпическэ тхыгъэ яджахэмк1э.
3. Гъэ псом яджахэмк1э тест лэжьыгъэ.

2.8-нэ класс.

Адыгэ литературэр зэрызэхэлъымрэ абы
къызэщ1иубыдэмрэ

Сосрыкъуэ теухуа хъыбархэр
«Сосрыкъуэ нарт хасэм япэу зэрык1уар» хъыбарыр
зытепсэлъыхьыр.Социальнэ зэхуэмыдэныгъэр мы
хъыбарым къызэрыхэщыжыр. «Сосрыкъуэ маф1э
къызэрихьар» хъыбарыр зытепсэлъыхьыр.Сосрыкъуэ и
образыр.Хъыбархэм я бзэм узыщрихьэл1э жьы хъуа
псалъэхэр. (Архаизмхэр).
Бэдынокъуэ теухуа хъыбархэр
«Бэдынокъуэ и адэр ук1ып1эм
къызэрыришыжар»хъыбарыр зытеухуар.Хъыбарым
къыхэщ идейно-нравственнэ къарур. «Бэдынокъуэ
нартхэм къахилъхьа хабзэф1ыр»хъыбарыр
зытеухуар.Хъыбарым и идейно-нравственнэ къарур.
Адыгэ уэрэдыжьхэр
Хьэтхым и къуэ Мыхьэмэт и уэрэлд.
Лэбэдэсхэм я гъыбзэ
Щоджэнц1ык1у Алий 1.
Щоджэнц1ык1у Алий и гъащ1эмрэ и литературнэ
лэжьыгъэмрэ теухуа очерк.
«Нанэ» усэм къикIуатэ гурыщIэ къабзэр.

Къылышбий Исмэхьил.
Къылышбий Исмэхьил и гъащIэмрэ и литературнэмрэ.
«Iуэдыщэ» усэр зытеухуар, къиIуатэ гупсысэр, усэм
символикэр Iэзэу къызэрыщыгъэсэбэпар. Литературэм и

теорие Антитезэр.Эпиграф. Символхэр.Художественнэ
тхыгъэм абыхэм щагъэзащIэ къалэнхэр
КIыщокъуэ Алим. К1ыщокъуэ Алим и гъащ1эмрэ и
литературнэ лэжьыгъэмрэ теухуа очерк. « Мэжджыт»
тхыгъэм адыгэ хабзэр къызэрыщыгъэлъэгъуар
«Хъыбар дахэ зыхуэфащэ» романыр зытеухуар,цIыху
къызэрыгуэкIым зыщалъхуа лъахэм хуиIэ
фIылъагъуныгъэр. «Бабыщыкъуэ адакъэпщ» тхыгъэм и
гупсысэ нэхъыщхьэр,
Хьэкъун Исуф Хь.
Хьэкъун Исуф и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ
теухуа очерк.
«Бзылъхугъэ шу щэху»повестым къи1уэтэжыр зытеухуа
лъэхъэнэр.Повестыр зытеухуамрэ абы къыщы1эта гупсысэ
нэхъыщхьэмрэ.Ар зэрытха бзэм и1э щытык1э нэхъыщхьэр.
КIуащ БетIал и гъащIэмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ.
«Шэрэдж», «ФIымрэ Iеймрэ» усэхэм езы усакIуэм и
граждан, политикэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр къазэрыхэщыр.
Дыгъужь Къурмэн и гъащIэмрэ и литературнэ
лэжьыгъэмрэ. » Бжьыхьэ псыдзэ» романыр зытеухуар,
19- нэ лIэщIыгъуэм адыгэ къуажэм псэукIэ иIар,я
IуэхущIафэ яIар тхыгъэм къызэрыхэщыжыр.

Акъсырэ Залымхъан.
Акъсырэ Залымхъан и гъащIэмрэ и литературнэ
лэжьыгъэмрэ. »Дахэнагъуэ» пьесэр зытеухуар, абы
къиIуатэ гупсысэ нэхъыщхьэр. И щхьэ закъуэ насыпым
щIэбэным и мурадыр къызэремыхъулIэр, зы цIыхум и
насыпымрэ цIыхубэм я насыпымрэ зэгуэпх зэрымыхъунур,
цIыхур щхьэхуит хъун папщIэ, ирагъэкIуэкI бэнэныгъэр.

Нэхущ Мухьэмэд.
Нэхущ Мухьэмэд и гъащIэмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ.
«Лъэпкъым» усэм адыгэм и тхыдэ гъуэгуанэр лъабжьэ
зэрыхуэхъуар. Адыгэ быныр щIыналъэ куэдым икъухьа
щIэхъуам щхьэусыгъуэу усакIуэм къигъэлъагъуэхэр.

«Маржэ адыгэхэ!» усэр зытеухуар,и художественнэ
гъэпсыкIэр, бзэр.

Къэжэр Петр.Хь
Къэжэр Петр и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ
теухуа очерк. «Мыужьых маф1э» поэмэр зытеухуамрэ абы
къи1уатэ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ.
Гъубжокъуэ Лиуан.М.
Гъубжокъуэ Лиуан и гъащIэмрэ и литературнэ
лэжьыгъэмрэ. «Жылэ», «Автобус къэувыIэпIэм деж»,
»Адыгэ шы фIэдзапIэ» усэхэм ящIэлъ философие
гупсысэхэмрэ психологизмхэмрэ. Щалъхуа лъахэм,
цIыхухэм яхуиIэ лъагъуныгъэр тхакIуэм и лирикэм
къызэрыхэщыр.

Бицу Анатолэ.М.
Бицу Анатолэ и гъащIэмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ
теухуа очерк.Бицум и поэмэхэм теухуа обзор
кIэщI.»Телеграммэ» поэмэр тхыгъэ кIэщIу
зэрыщытыр.Поэмэм къиIуатэ Iуэхугъуэмрэ и гупсысэ
нэхъыщхьэмрэ.
Къущхьэ Сулът1ан Хь.
Къущхьэ Сулът1ан и гъащ1эмрэ и литературнэ
лэжьыгъэмрэ теухуа очерк. «Анэ» рассказым и темэмрэ
идеемрэ.Рассказым и бзэм и1э щытык1эр.
Ацкъан Руслъан. Хь.
Ацкъан Руслъан и гъащIэмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ.
»БгъэIэпхъуэу фIэфIкъым жыгым…»,
«ФIэщщIыгъуафIэу узиIэщ, си лъахэ…»,
«Къуршыбгъэ», усэхэм щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр,
дунейм и къэхъукъащIэмрэ цIыхум и гурыщIэмрэ усакIуэм
къызэригъэлъагъуэ щIыкIэр.

Пхъэш МуIэед.Н.

Пхъэш МуIэед и гъащIэмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ.
»Мэкъуауэ лIыжьхэр», «Таурыхъ», «Дыгъэмрэ
мазэмрэ», усэхэм философие лъабжьэ зэраIэр, цIыхум
гукIэ псэкIэ куэд игъэвын хуейуэ къызэрыхудэкIыр.
Зумакуловэ Танзиля.
Зумакуловэ Танзиля и гъащIэмрэ и литературнэ
лэжьыгъэмрэ. »Псалъэ жагъуэ» усэр зытеухуар, къиIуатэ
гупсысэр.
ХамэщI щыпсэу адыгэхэм къахэкIа тхакIуэхэр.
Къандур Мухьэдин.И.
Къандур Мухьэдин и гъащIэмрэ и литературнэ
лэжьыгъэмрэ. »Маждэ» романыр зытеухуар, и
лъэпкъэгъухэр къригъэлын папщIэ, гугъуехьми ,
шынагъуэми пэщIэувэу, адыгэ цIыхубзыр зэрыщIэбэныр.

2. 9-нэкласс
Къэбэрдей –шэрджэс литературэр зэрызэхэлъымрэ
абы къызэщ1иубыдэмрэ

Хэзыгъэгъуазэ
Адыгэ литературэм цIыху гъащIэм щиIэ мыхьэнэр
Нэгумэ Шорэ
Нэгумэ Шорэ и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ, абы и грамматикэмрэ и
псалъалъэмрэ я мыхьэнэр

Къаз-Джэрий Сулът1ан
Тхак1уэм и творческэ лэжьыгъэм и мыхьэнэр.Пейзажыр. Очеркым ехьэл1ауэ урыс
щ1эныгъэл1хэм жа1ар
Хъан -Джэрий
Хъан –Джэрий и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэм
рэ
Хьэтохъущокъуэ Къазий
Адыгэ культурэмрэ тхыдэмрэ Хьэтохъущокъуэ Къазий щиубыд увып1эр.щиубыд увып1эр
зыхуэдэр
К1ашэ Адылджэрий
Тхак1уэм адыгэ литературэм и тхыдэм щи1э пщ1эр
Бахъсэн узэщ1ак1уэхэр
К1ашэ Адэлджарий и гъащ1. лит. лэжь.«1уащхьэ щыгум» очеркыр зытеухуар

Лъэпкъ джэгуак1уэ-усак1уэхэр
Лъэпкъ щ1эныгъэм и къежьап1э Бахъсэн зэрыхъуар, абы и щхьэусыгъуэхэр. Адыгэ
джэгуак1уэхэм я гъащ1эм ц1ыхубэм хуищ1 пщ1эр. Адыгэ 1уэры1уатэм и рифмэ Адыгэ
джэгуак1уэхэм я гъащ1эм ц1ыхубэм хуищ1 пщ1эр. Адыгэ 1уэры1уатэм и рифмэ
Пащ1э Бэчмырзэ
Пащ1э Бэчмырзэ и усэхэр зытеухуар, абыхэм ящ1элъ гупсысэр зыхуэдэр
Хьэхъупащ1э Амырхъан
Хьэхъупащ1эм и литературнэ лэжьыгъэм и мыхьэнэр
Адыгэ литературэ 20-40 гъэхэм
Адыгэ литературэм 20-40гъэхэм игъуэта зыужьыны
гъэм щыгъуазэу щытын
Щоджэнц1ык1у Алий
Усак1уэм и усэхэм я темэр, абы къыщагъэсэбэпа изобрази
тельно – выразитель нэ 1эмалхэр Поэмэм и сюжетыр, темэмрэ идеемрэ щыгъуазэу щытын.
эпитетыр, пейзажыр. Романыр зытеухуамрэ

К1эрашэ Тембот

К1эрашэ Тембот и творческэ лэжьыгъэм адыгэ литературэм щиубыд увып1эр. "Налмэс"
повестыр зытеухуар
Щомахуэ Амырхъан «Бгырыс шухэр»
Щомахуэм и прозаическэ тхыгъэхэр зытеухуар,гупсысэ нэхъыщхьэр. Къыхэщыж образхэр.
Лит. и теориер.
Теунэ Хьэчим и тхыгъэхэр
Теунэ Хьэчим и прозаическэ тхыгъэхэм я мыхьэнэр. "Аслъэн" повестыр. Къыхэщыж
1уэхугъуэ нэхъыщхьэр,тхыгъэм и1э мыхьэнэр. «Псэм и1эф1ыр къуатмэ »
Гъуэщокъуэ Хъусин и творчествэр
Усэхэр зытеухуамрэ гупсысэ щ1элъымрэ. Гъуэщокъуэ Хъусин и прозаическэ тхыгъэхэр
зытеухуа 1уэхугъуэхэмрэ абыхэм къыщы1эта гупсысэ нэхъыщхьэхэмрэ
Къардэнгъущ1 Зырамыку «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ»
Къардэнгъущ1 З. и тв., и драмэм лъабжьэ хуэхъуар, къыхэщыж лъэхъэнэр, образхэр. Драм.
тхыгъэхэр зищ1ысыр, монолог, диалог, ремаркэхэмк1э гуры1уэгъуэ
Гъэ псом яджар къэпщытэжын

3.5-нэ класс
Тематическэ план

Раздел.

Разделхэр.Темэхэр

Тем.

Сыхь.
бж.

Контр. Бзэм
Лэжь. зегъ.

и№
1

Хэзыгъэгъуазэ..

1

2

Адыгэ 1уэры1уатэ

8

3

Художественнэ тхыгъэхэр

21

4

Классщ1ыб къеджэныгъэхэр

3

5

Яджар къэпщытэжын

2

6

Псори

35

3

3

3. 6-нэкласс

Тематическэ план
№
1
2
3
4
5

Разделхэм я
цIэхэр,темэхэр
Хэзыгъэгъуазэ
Нарт хъыбархэр
Тхыдэр зи лъабжьэ
хъыбархэр
Пасэ зэманыр
къызыхэщыж тхыгъэхэр
Хэку зауэшхуэм теухуа
тхыгъэхэр

Сыхьэт
бжыгъэр

Бзэм.зегъ

1
3
4
3

2

8

2

6

Ди зэманыр къызыхэщ
тхыгъэхэр

15

7

Къэпщытэжыныгъэ

1

8

Псори

35

3.7-нэ класс
Тематическэ план
Раздел.

Разделхэр

и№

Сыхь
бж.

Адыгэ 1уэры1уатэ

4

Адыгэ литературэ

46

5

Яджахэр къэпщытэжын .

2

6

Псори

52

1

4

Проект.
ел.

Бз.зегъ.

1
2

7

3.8-нэкласс.
Тематическэ план
№
разде
лхэр

Темэхэр

Сыхьэт бж.

Къыз. Лэжь. Бзэм .зегъ.

1

Адыгэ 1уэры1уатэ

6

2

2

Адыгэ литаратурэ

42

5

3

Хэхэс адыгэхэм я
тхыгъэхэр

4

9

Псори

52

7

3.9-нэкласс.
Тематическэ план

№р
зд.и
.тем

Темэ

Сыхьэт
бж..

Контр.

Бзэм
зегъ.

1

Адыгэ литературэ Хэзыгъэгъуазэ

1

2

XIX л1эщ1ыгъуэм и япэ 1ыхьэм псэуа адыгэ
щ1эныгъэл1хэмрэ тхак1уэхэмрэ

7

2

3

XIX л1эщ1ыгъуэм и ет1уанэ 1ыхьэмрэ XX
л1эщ1ыгъуэм и пэщ1эдзэмрэ псэуа адыгэ
щ1эныгъэл1хэмрэ тхак1уэхэмрэ

7

2

4

Лъэпкъ джэгуак1уэ-уcак1уэхэр.

3

5

ХХ л1эщ1.псэуа тхак1уэхэр.

32

6

Илъэсым яджар къэпщытэжыын

4

2

Псори

52

8

4.5-нэ класс.
Календарно – тематическэ план

№ Темэхэр
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24

Зээджам, зэджэнухэм теухуа урок.
Хэзыгъэгъуазэ.
Адыгэ IуэрыIуатэ. Бажэ хеящIэ Дзыгъуэхэм я
хейр джэдум зэрищIар.»
«ПкIауэ и джэш дзыкIэ.» «Къэблэжьар
лъапIэщ.»
Классым щIэмысу зэджа IуэрыIуатэм щыщ
хъыбархэмкIэ урок.
«Иныжьым и къан.»
Псалъэжьхэр. Къуажэхьхэр
Къуажэхьхэр.
Псынщ1эрыпсальэхэр
Классым щ1эмысу зэджа тхыгъэхэмк1э урок.
КIыщокъуэ А. П . «Елбэздыкъуэ.»
Литературэм и теорие.
Акъ М. У. «Маргъын и шабзэ.»
ПащIэ Б.М. «Бэлыхь зимыIэр захуагъэщ.»
Цагъуэ Н. А «Уэсыр сытым къыхэкIрэ?»
Бештокъуэ Хь. Къ. «Уэсым и гъуэгуанэ.»
Б/ЗЩ1ымахуэм итеплъэгъуэхэр
Мечиев К. Б.«Си къуэм папщIэ» усэр.
Уэхъутэ А. Н. «Дудакъ»рассказыр.
Къашыргъэ Хь. Хь.«Зы жэщ.» рассказыр.
. Классым щIэмысу зэджахэмкIэ урок.
Кулиев Къ. Ш.«Анэ» усэр.
Б/з «Анэр нэм хуэдэщ»Сочиненэ
КIуащ Б. И. «Си гъусэщ »усэр .
Зэгъэпщэныгъэ,къэгъэпсэуныгъэ
художественнэ Iэмалхэр.
Журт Б.Къу.«Адэ лъапсэжь» рассказыр.

Махуэхэр
План
Факт.

25 Хьэнфэн А.М.«Мывэ къуэлэн цIыкIу»
рассказыр.
26 Щомахуэ А. Къ.«Зэраншу» усэр.
27 Къагъырмэс Б. Хь.«Псори
зыщIэБолэт»рассказыр.
28 Басняхэр.
29 ЩоджэнцIыкIу А. I."Май"усэр.
30 БакIуу М.И."ЩIакхъуэ" рассказыр.
31 Диалогымрэ монологымрэ.
32 Гъэунэ Б.Хь.«Уэ къэкIуэж закъуэ, папэ!»
33 Эпитет. Гъубжокъуэ Л.М.«Бжьэ къэпщIахэр»
рассказыр. Литературнэ лIыхъужьым
теухуауэ.
34 Тхьэгъэзит З. "Гуапагъэ" усэр
35 Гъэ псом яджар къэпщытэжын

4.6-нэкласс.

Календарно-тематическэ план
№№ Темэхэр

1
2
3
4
5
6
7
8

9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24
25
26
27
28
29
30
31
32
33
34

Хэзыгъэгъуазэ.Нарт хъыбархэр Тхьэгъэлэджрэ Лъэпщ и къуэ Дзэхущрэ.
Лъэпщ 1эдэ зэрищ1ар
Нартхэ я гъубжэр.Сэтэней и л1эк1ар.Нарт эпосым теухуауэ
Классщ1ыб еджэныгъэ «Нарт хъыбархэр»
Тхыдэр зи лъабжьэ хъыбархэр Андемыркъан щ1алэ ц1ык1уу зек1уэ
зэрык1уар
Беслъэн Пц1апц1э
Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа псалъэ. «Хэт мысэр?» «Делэм сэ сыф1ок1,
губзыгъэр езыр къысф1ок1»
Классщ1ыб еджэныгъэ.Къэзанокъуэ Ж. теухуа хъыбархэр.
Пасэ зэманыр къызыхэщыж тхыгъэхэр. Щоджэнц1ык1у Алий и
гъащ1эмрэ литературнэ лэжьыгъэмрэ.
«Щ1ымахуэ жэщ» поэмэр.Поэмэр зэпкърыхын. Поэмэм теухуауэ
«Хьэжыгъэ пут закъуэ» рассказыр.Рассказым хэтхэм я характеристикэ.
Пейзажым литературнэ тхыгъэм щи1э мыхьэнэм теухуауэ.
Сочиненэм хуэзыгъэхьэзыр урок
Сочиненэ «Хьэсет зыхуэдэр»
Классщ1ыб къеджэныгъэ «Щоджэнц1ык1у Алий и усэхэр».
Хэку зауэшхуэм теу-хуа тхыгъэхэр.Шортэн А.и «Балъкъ и деж»
рассказ.Рассказыр зэпкърыхын
Брат Хьэбас. «Замир».Рассказыр зэпкърыхын
К1эрашэ Т. «Гум ф1эф1к1э» очеркыр
(1-2 1ыхьэ)
К1эрашэ Т. «Гум ф1эф1к1э» (3 1ыхьэ) Очеркыр зэпкърыхын. Очеркым
теухуауэ
Абыт1э В. «Л1ыгъэм и дамыгъэ» поэмэр зэпкърыхын.
Щомахуэ Амырхъан и творчествэр.«Зэкъуэшит1» рассказыр зэпкърыхын
Сочиненэм хуэзыгъэхьэзыр урок
Сочиненэ «Къэралбийрэ Чапайрэ я зэныбжьэгъуныгъэр»
К1ыщокъуэ Алим и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. Усэ «Гъуэгу
къежьап1э»
«Поэзие», «Си хъуэхъу», «Пасэрей хабзэ» усэхэр
Классщ1ыб къеджэныгъэ. К1ыщокъуэ Алим и усэхэр
К1уащ Бет1ал и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ «Сэ сф1эф1щ»
К1уащ Б. «Гуащ1эдэк1» «Зэманыр 1уэхук1э зыгъэнщ1ыфыр» Рифмэ.
Ритм. Строфа.
Дыгъужь Къурмэн. «Мырсыт»
Рассказыр зэпкърыхын
Гъубжокъуэ Лиуан. «Къуршхэр плъырщ»
Жылэтеж Сэлэдин. «К1ыгуугу лъэпкъым я к1уэдыжык1ар»
Сонэ Абдульчэрим. « Шагъдий»
Жаным Б. «Щ1ы1убымрэ ужьэмрэ». Басням , аллегорием теухуауэ
Абыт1э Хъызыр. « Бгы абрагъуэмрэ джэдык1э ц1ык1умр», «Жэщым и
1эф1ыгъуэм»
1ут1ыж Б. «Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ»
Къуиикъуэ Налбий. « Жыгыр пызыупщ1хэм»

План

Факт

35

Яджахэр къызэщ1экъуэжын

4.7-нэкласс.
Календарно-тематическэ план
№ раздел
хэр

темэхэр

план

Хэзыгъэгъуазэ
1

Хэзыгъэгъуазэ..Абыт1эХъ. «Бгы абрагъуэмрэ
джэдык1э ц1ык1умрэ» Жэщым и
1эф1ыгъуэм»1ут1ыж Б. «Насыпыр
щагуэшыр пщэдджыжьырщ».

Адыгэ 1уэры1уатэ
2

Адыгэ нарт эпос. Сосрыкъуэрэ Т1от1рэшрэ я
пшыналъэ

3

Ашэмэз и пшыналъэ
Бэдынокъуэ чынтым зэрезэуар

4

Классым щ1эмысу зэджахэмк1э урок3.Къу Н
«.Жыгыр пызыупщ1хэм».

5

Ц1ыхубэ уэрэд л1эужьыгъуэхэр
Жансэхъухэ я нысэм и тхьэусыхэ
Хъуэхъухэр

6

Сочиненэм хуэгъэхьэзырын.

7

Сочиненэ ятхащ
Адыгэ литературэ

8

махуэр

Щоджэнц1ык1у Iэдэм и усэхэр

факт

9

Бемырзэ М. и усэхэр

10

Проектым елэжьын (адыгэхэм я тхыдэр)

11

Анзор М. «Атэлыкъым и лъэужьыр»

12

Анзор М. «Атэлыкъым и лъэужьыр»

13

Тест лэжьыгьэхэр

14

К1эрашэ Т. «Гъащ1эм и дерс

15

К1эрашэ Т . «Гъащ1эм и дерс»

16

Мыжей М. «Пщэху»

17

Мыжей М. «Пщэху»

18

Изложенэм хуэгъэхьэзырын

19

Изложенэ Пщэху.

20

Нало з. «Ц1ыху напэ»

21

К1ыщокъуэ А. и усэхэр

22

Хъупсырокъуэ Хъ. «Имыхабзэу щыуат»

23

Хъупсырокъуэ Хъ. «Имыхабзэу щыуат»

24

Хъупсырокъуэ Хъ. «Имыхабзэу щыуат»

25

Елгъэр Кашиф «Псы къиуа»

26

Проектым елэжьын

27

Уэрэзей Афлик и усэхэр

28

Брат Хь. «Лъэпкъым и къуэпсхэр»

29

Брат Хь. «Лъэпкъым и къуэпсхэр»

30

Внекласснэ еджэныгъэ

31

Шэджыхьэщ1э Хь. «Къуэрылъху»

32

Шэджыхьэщ1э Хь. «Къуэрылъху»

33

Мыкъуэжь А. и усэхэр

34

Сочиненэм хуэгъэхьэзырын

35

Сочиненэ ятхащ

36

Джэдгъэф Б. «Къандыгъэ и бжьыхьит1»

37

Джэдгъэф Б. «Къандыгъэ и бжьыхьит1»

38

Къэжэр Хь. и усэхэр

39

Мэзыхьэ Б. «Дыгъэр зэрыунк1ыф1ар»

40

Внекласснэ еджэныгъэ

41

Къумыкъу М. «Сабийхэр щым щыхъум»

42

Къэрмокъуэ М. «Щ1акхъуэ 1ыхьэ»

43

Къэрмокъуэ М. «Щ1акхъуэ 1ыхьэ»

44

Сочиненэ хуэгъэхьэзырын

45

Сочиненэ ятхащ

46

Хьэх С. «Къурш псынэ»

47

Тхьэгъэзит З. и усэхэр

48

Илъэс псом яджамк1э урок –зачет(тестк1э)

49

Мэшбащ1э И. и усэхэр

50

Бицу А. и усэхэр
Яджар къэпщытэжын

51

Яджар къэпщытэжын

52

Яджар къэпщытэжын

4. 8-нэкласс.
Календарно-тематическэ план.
№
1
2

3
4
5

Темэхэр
Литературэмрэ тхыдэмрэ.Сосрыкъуэ маф1э къызэрихьар
«Бэдынокъуэ нартхэм
къыхилъхьа хабзэф1ыр» хъыб. и
сюжетымрэ зытеухуа
1уэхугъуэмрэ
Б.з. Жьэр. соч. «Сосрыкъуэ и хьэл-щэн нэхъыщхьэхэр»
Кл-б едж. Къэрмокъуэ М. «Мэжаджэ хуабэ»
Адыгэ урэдыжьхэр. «Хьэтхым и къуэ Мыхьэмэт и
уэрэдыр» зытеухуар, и гупсысэр Лабэдэсхэм я гъыбзэ.

6
7

Кл-б едж. Адыгэ урэдыжьхэр
Щоджэнц1ык1у А. теухуа псалъэ.
«Нанэ» усэр.

8

Теорие. Бзэмрэ художественнэ литературэмрэ

9

Кл-б едж. К1ыщокъуэ А. «Усэ щэрыуэхэр»,
«Сф1эмыф1ыр куэдрэ сф1эф1 уэ пщ1ащ усэхэр
Къылышбий Исмэхьил теухуа псалъэ. «1уэдыщэ» усэр
зытеухуар, и гупсысэ нэхъыщхьэр.
Теорие. Антитезэ, эпиграф. Символхэр.
«Нал къута» романым щыщ «Хъыбар дахэ зыхуэфащэ»
Б.з. Упщ1эм жэуап убгъуа етын. «Адыгэщым образыр дауэ
къыщыгъэлъэгъуа романым?» Сочиненэм
хуэгъэхьэзырыныгъэ
Б.з. Сочиненэр егъэтхыныгъэ
Хьэкъун И. теухуа псалъэ. «Бзылъхугъэ шу щэху» пов.
зытеухуар, и гупсысэ нэхъ.
Ахъмэтыкъуэ къуажэр зыхэта бэлыхьыр тхыгъэм
къызэрыщыгъэлъэгъуэжар
Сэтэней, Айшэт, Зырамыку сымэ я образхэр.
Теорие. Художественнэ тхыгъэм и темэмрэ идеемрэ.
Б.з. Жьэры1уатэ сочиненэ. Сыдэзыхьэха образыр»
К1уащ Б. теухуа псалъэ.
«Шэрэдж», «Ф1ымрэ 1еймрэ» усэхэр.
Теорие. Паузэ. Ритм. Рифмэ.
Кл-б едж. Урок-конкурс. «Гум имыхуж лирикэ».
Дыгъужь Къу. теухуа псалъэ. «Бжьыхьэ псыдзэ».
Романым щыщ пычыгъуэ. Зытеухуар, гупсысэ
нэхъыщхьэр.

10

11
12

13
14
15
16
17
18

19
20

План

Факт.

21
22
23

«Бжьыхьэ псыдзэ». Романым щыщ пычыгъуэ.
«Бжьыхьэ псыдзэ». Романым щыщ пычыгъуэ.
Кл-б едж. Къэрмокъуэ М. «Дыжьын фалъэ»

24

Акъсырэ З. теухуа псалъэ. «Дахэнагъуэ» пьесэр
зытеухуар, гупсысэ нэхъыщхьэр
Б. з. Пьесэм ролк1э къегъэджэн
Джэримэс, Дахэнагъуэ, Чэзибан сымэ я образхэр
Нэхущ М. теухуа псалъэ. «Маржэ, адыгэхэ!» усэр
зытеухуар, гупсысэ нэхъыщхьэр.
Теорие. Сатыр, пс. къытезыгъ.
Кл. едж. Щоджэнц1ык1у 1. «Урыху щхьэщылъадэ нэху»,
«Мамырыгъэ пщэдджыжь» усэхэр, н.
Къэжэр П. теухуа псалъэ.
«Мыужьых маф1э» поэмэр зытеухуамрэ гупсысэ
нэхъыщхьэмрэ
Теорие. Поэмэ. Балладэ. Уэрэд.
Б.з. Упщ1эм жэуап убгъуа етын «Зауэм и к1эр хьэдагъэщ»
псалъэжьым и мыхьэнэр поэмэм дауэ къызэрыхэщыжыр?
Теорие. Поэмэ. Балладэ. Уэрэд.
Гъубжокъуэ Л. теухуа псалъэ.
«Жылэ», «Автобус къэувы1эп1эм деж» усэхэм ящ1элъ
философие гупсысэхэмрэ психологизмэхэмрэ
«Адыгэ шы ф1эдзап1э» усэр зытеухуар, и гупсысэ нэхъ.
Теорие. Усэ л1эужьыгъуэхэр
Кл-б едж. Хьэ1упщы М. «Хъэджэт и къафэ» новеллэр
зытеухуар, щ1элъ гупсысэ нэхъыщхьэр

25
26
27

28
29

30
31
32

33
34
35

36

37
38
39
40
41
42
43

Кл-б едж. Хьэ1упщы М. «Хъэджэт и къафэ» новеллэм
щ1элъ
гупсысэ нэхъыщхьэр
Бицу А. теухуа псалъэ.
«Телеграммэ» поэмэр зытеухуамрэ щ1элъ гупсысэ
нэхъыщхьэмрэ
Б.з. Анэм худи1э лъагъуныгъэр къызыхэщ усэ ц1ык1у
зэхэлъхьэн
Къущхьэ С. теухуа псалъэ.
«Анэ» рассказым щ1элъ гупсысэр
«Гъэсэныгъэр дыщэ жыгщ» псалъэжьым и мыхьэнэр
рассказым зэрыпэджэжыр
Б.з. «Анусэ и образыр» сочиненэм хуэгъэхьэзырыныгъэ
Б.з. сочиненэр егъэтхыныгъэ
Кл-б едж. Хъунэгу Н. «Сыкъэвгъэуш»,
«Гугъэ», «Умыщ1ыт уи жагъуэ» усэхэр

Ацкъан Р. теухуа псалъэ
«Ф1эщщ1ыгъуаф1эу узи1эщ, лъахэ…» усэм щ1элъ
филисофие гупсысэр
Пхъэш М. теухуа псалъэ
«Мэкъуауэ л1ыжьхэр» усэр

44

45

49
5051

Къандур М. теухуа псалъэ. «Шэрджэсхэр. Балкан тхыдэ»
романым щыщ «Маждэ»
пычыгъуэр зытеухуар
«Шэрджэсхэр. Балкан тхыдэ» романым щыщ «Маждэ»
пычыгъуэм адыгэ лъэпкъыр зэрыхуа щытык1э гугъур
къызэрыщыгъэлъэгъуар
Мокаев М. Теухуа псалъэ«Л1ыжьхэр» усэм
къыщыгъэлъэгъуэжар
Кл-б едж. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм зэджапхъэхэр.
Къэпщытэжыныгъэ
Тест лэжьыгъэхэр

52

Къэпщытэжыныгъэ

46

47

48

4. 9-нэ класс.
Календарно-тематическэ план

№п
/п

Темэхэр

1

Адыгэ литературэ Хэзыгъэгъуазэ

2

Нэгумэ Шорэ и литературнэ лэжьыгъэ
«Хъуэхъу» гук1э

Инал и л1ыхъужьыгъэм и хъыбар», «Идар
Темрыкъуэ и хъыбар».

Щек1уэ-

Щек1уэ-

К1ынур.

К1ар.

3

- Къаз Джэрий «Хьэжыт1эгъуей ауз»

4

СочиненэХэкум теухуауэ

5

Сочиненэ Хэкум теухуауэ

6

Хъан-Джэрий «Шэрджэс хъыбархэр»

7

Хъан-Джэрий «Шэрджэс хъыбархэр»

8

Классщ1ыб еджэныгъэ

9

Хьэт1охъущокъуэ Къ. и таурыхъхэр

10

К1ашэ А. «1уащхьэ щыгум».

11

К1ашэ А. «1уащхьэ щыгум».

12

Б/з изложенэ

13

Б/з Изложенэ

14

Цагъуэ Н. «Адэмрэ къуэмрэ.Цыжьбанэ
л1ыхъужьА адыгэ тхылъыбзэм и тхыдэ».

15

Дым 1.и хъыбархэр. Куп-Хьэжы Исмел и ус-р

16

Абазэ Къамбот и усэхэр

17

Выкхъэ Ш. И усэхэр.

18

Мыжей С. И усэ.
Сижажэ Къ. и усэхэр

10

Агънокъуэ Л. и усэхэр

20

Пащ1э Б.М. и усэхэр

21

Хъэхъупащ1э Амырхъан и усэхэр

22

«Пщэдджыжь уэрэд»

23

Щоджэнц1ык1у А.
Усэхэр

24

Мадинэ» поэмэр (пычыгъуэ гук1э)

25

Мадинэ» поэмэр (пычыгъуэ гук1э)

26

. Къамботрэ Лацэрэ»

27

«Къамботрэ Лацэрэ»

28

Къамботрэ Лацэрэ»

29

«Къамботрэ Лацэрэ»

30

Образхэр зэпкърыхын

31

Сочиненэ «Бгырыс ц1ыхубзым и1а
дэкъузэныгъэр Щоджэнц1ык1у А. и тхыгъэхэм
къызэрыхэщыр»

32

Сочиненэ «Бгырыс ц1ыхубзым и1а
дэкъузэныгъэр Щоджэнц1ык1у А. и тхыгъэхэм
къызэрыхэщыр»

33

К1эрашэ Т.
пщащэ».

34

Шапсыгъ пщащэ

35

Шапсыгъ пщашэ

36

Образхэр зэпкърыхын

37

Щомахуэ А.

38

Теунэ Хь.

«Шапсыгъ

Бгырыс шухэр

«Аслъэн»

39

«Псэм и 1эф1ыр къыуатмэ».

40

«Псэм и 1эф1ыр къыуатмэ».

41

«Псэм и 1эф1ыр къыуатмэ».

42

Сочиненэ

43

Сочиненэ

44

ГъуэщокъуэХъусин и усэхэр

45

«Адэмрэ къуэмрэ»

46

«Адэмрэ къуэмрэ»

47

Къардэнгъущ1 .З
Гуащэгъагърэ».

48

«Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ».

49

«Къанщобийрэ

50.

Пьесэм и гъэпсык!эмрэ и бзэмрэ

«Къанщобийрэ

Гуащэгъагърэ».

Илъэсым яджар къэпщытэжы
51

52

Илъэсым яджар къэпщытэжын.


Наверх
На сайте используются файлы cookie. Продолжая использование сайта, вы соглашаетесь на обработку своих персональных данных. Подробности об обработке ваших данных — в политике конфиденциальности.

Функционал «Мастер заполнения» недоступен с мобильных устройств.
Пожалуйста, воспользуйтесь персональным компьютером для редактирования информации в «Мастере заполнения».